Мурадыр:
1. Пэщ1эдзэ классхэм щеджэ ц1ык1ухэм
я бзэм зегъэужьын.2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм.
3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуап тэмэм етын.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэм зэриувэр къэзыгъэлъагъуэ усэхэм, псалъэжьхэм.